Къэрэщай-Черкес Республикэ: Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) къуажэм жъамэ щагъэугъ

Мы илъэсым и пэм щыщIэдзауэ, къуажэ жэмыхьэтыр арэзы техъуауэ, унагъуэ къэси зэрахузэфIэкIкIэ мэремпшыхьхэм жьэрымэ хуагъэу Кавказ зауэжьым хэкIуэда ди лъэпкъэгъухэм.

Iуэхугъуэр траухуащ Зауэжьыр зэриухрэ илъэс 150 зэрырикъум. Абы къыщымынэу, мазэм зэ, 21-нэ махуэм пэгъунэгъуу, мэремшыхь къэблагъэм къуажэ зэхыхьэкIэ жьэрымэшхуэ ягъэу. Абыхэм ящыщщ фи пащхьэ итлъхьа сурэтырыплъэм къыщыгъэлъэгъуэжар.

Iуэхугъуэр щекIуэкIар гъатхэпэм и 20-ращ. Жэмыхьэтым нэмэз ящIащ зауэжьым хэкIуэдахэм папщIэ, Тхьэ хуелъэIуащ я псэм тыншыгъуэ ягъуэтыну. Дуней псом щыяпэу къуажэм щагъэувауэ, Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сыным щызэхуэсри дыуэ ящIащ. Иужьым бзылъхугъэхэм ягъэуа жьэрымэм хэIэбащ. Жьэрымэм кърагъэблэгъащ къуажэ гъунэгъухэм щыщхэри.

Фэеплъыр хъумэныр - дин, бэдаущ, жылагъуэ Iуэхукъым, атIэ - цIыху, лъэпкъ къэси и адэжьхэр зэригъэлъэпIэж пщэрылъщ. Къытщхьэщытым и нэфI ди лIахэм ящыхуи, къыхуаIэта ерыскъыр я псэм лъигъэс!

Зураб Бемурзов

http://www.aheku.net/gallery/5647