ХыикI мыухыж - 150 дэкIа пэтыми хыикIыр увыIакъым.. - Адыгэхэм я Джэ макъ


Джэ макъ 

Урысеймрэ Тырку къэралыгъуэмрэ я зэхущытыкIэм щIыIагъэ къызэрыдыхьэм щыщIэдзауэ, адыгэхэр, абы зыкIи ди щхьэусыгъуэ зэрыхэмылъыу , илъэс 250 ипэ хуэдэ дыдэу, къэралитIым я политикэм и мыхъумыщIагъэр ди щхьэ къырокIуэ. 

Ахэм я санкциехэмрэ , зыр адрейм еныкъуэкъунымрэ дэ ди щхьэ зэрырикIуар зи Хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэр лейзехьэхэм нэщанэ зэрахуэхъуахэращ. Къэралым и IуэхущIапIэхэм я пащхьэ къырагъэувэ щхьэгъэуз къомым блэкIхэу я Хэку я лъэ щагъэувыжыным еувэлIэжа цIыхухэм Урысейм и унафэгъэзащIэхэм щхьэусыгъуэншэу лей къырах. ФIэгъэнапIэ нэпцIкIэ абыхэм япэм ягъэпса тхылъхэр якъутэж, Урысей федерацэри ябгынэн хуейуэ я пащхьэ къырагъэувэ. 

Дэ ныфлъэдгъэIэсыну дыхуейщ, Урысей федерацэм и унафэгъэзащIэхэр зытебанэхэр Тыркум и цIыху къудейуэ щымыту, атIэ дэ ди лъэпкъэгъу, ди благъэхэу , я гъащIэмрэ я унагъуэхэмрэ яхъумэжын папщIэ, езыхэм я лажъэ лъэпкъ хэмылъу къыращIылIа зауэм и зэранкIэ я Хэку зыбгынэн хуей хъуауэ щытахэрщ. Ахэм Хэкур ябгына иужъ, 150 дэкIауэ, абыхэм я быныжхэр, я щIылъэ я лъэр тырагъэувэну хунамыгъэсу, я адэжъхэм и лъэужъыр ирагъэху. 

Дэ къыхудоджэ ди республикэхэм я унафэщIхэр, я тхьэмадэхэр, ахуэдэ лейзехьэм ди лъэпкъэгъухэр щахъумэну. Лъэпкъ республикэхэр Урысейм и кIуэцIкIэ щIыщыIэм и щхьэусыгъуэщ а республикэхэм я къызэгъэпэщакIуэ лъэпкъхэм я Iуэхур дэгъэкIыныр. Ди фIэщу жыдоIэ, политикэ IуэхукIи, сатукIи, экономикэкIи ди лъэпкъэгъухэм кIэлъызырахьэ лейм фейдэ къызэрыхэмыкIынум. 

Дэтхэнэ адыгэри, зыIут IэнатIэми, и политикэ еплъыкIэми емылъытауэ, къыхудоджэ ди лъэпкъэгъухэм зэрахузыфIэкIкIэ къыщьэщыжыну. ИкIи зэкIэ иджыри дыщогугъ, мы къэхъур гурылъ бзаджэу щымыту , зэрымыщIагъэкIэрэ жыжъэ мыплъэнымрэ къыхэкIа Iуэхугъэу. 

Къэбэрдей-Бэлкъар Республикэ 
"Къэбэрдей Конгресс" бэдаущ зэгуэтым и тхьэмадэ Бешто Аслъэн 

Адыгэ Республикэ 
Мыекъопэ Къэлэ Хасэм и тхьэмадэ Цундышк Заурбый 

Къэрэщей-Черкес Республикэ 
Адыгэ НыбжъышIэ Хасэм и тхьэмадэ Жужуев Тимур

Бешто Аслъэн - Цундышк Заурбый - Жужуев Тимур